Рабочая программа в 9 кл "Кабардинский язык"
Зэрылажьэ программэр зэхэлъхьащ мы къэк1уэну нормативнэ тхылъхэр и лъабжьэу:
Федеральнэ государственнэ стандартыр (от 017.12. 2010 г. № 1897)
Урысей Федерацэм щ I эныгъэ егъэгъуэтынымк I э 2012 гъэм декабрым и 29-м къищта федеральнэ закон № 273- ФЗ-р, (ред. от 29.12.2014) "Об образовании в Российской Федерации" (с изм. и доп., вступ. в силу с 06.05.2014);
Закон КБР от 24 апреля 2014 года № 23-Р3 (ред. от 03.04.2014 года № 71-Р3) «Об образовании»;
Приказ МОН КБР от 30.06.2015 года №676 «Об утверждении республиканского базисного учебного плана для образовательных учреждений КБР на 2015-2016 учебный год »;
Типовой положенэ щ1эныгъэ щызэрагъэгъуэт еджап1эхэм теухуауэ РФ и правительствэм къищта унафэ №196 19 мартым 2001 гъэм къыдэк1ар;
Санитарно-эпидемиологическэ правилэм и нормативхэу СанПиН 2.4.2.2821-10 «Санитарно-эпидемиологические требования к условиям и организации обучения в общеобразовательных учреждениях», зарегистрированные в Минюсте России 3 марта 2011 года, регистрационный номер 19993;
Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм егъэджэныгъэмрэ щ I эныгъэмк I э Министерствэм щ I эныгъэ егъэгъуэтынымк I э I уэхущ I ап I эхэм 2015-2016 гъэ еджэгъуэм зэрегъэджапхъэу къыхиха тхылъхэмк I э къищта унафэр, ( от 31 марта 2014 года № 253)(ред. От 08.06.15 года)
«О республиканском комплекте учебников», от 18 июля 2011 г. N 67-РЗ
«О республиканской целевой программе «Модернизация учебной книги на национальных языках на 2007-2011 годы», от 21 ноября 2007 года N 83-РЗ
Хьэт1охъущыкъуей къуажэм дэт Муниципальнэ курыт еджап1э ещанэм зэхигъэува зэрылажьэ программэм теухуа Положенэм япкъ итк1э (от31.08.12. №144)
Адыгэбзэр зэхэгъэуващ « 5-11 классхэм папщ1э адыгэбзэмк1э программэхэр» авторхэр:Джаурджий Хь.З., Багъы Н.А. н.2013гъ. Налшык къыщыдэк1ам тету
Ебгъуанэ классым адыгэбзэр щегъэджыным и мурад нэхъыщхьэхэр:
лъэпкъым дежк1э бзэр къулеягъэ ину зэрыщытым гулъытэ хуегъэщ1ыныр, абы пщ1э хуащ1у къэгъэхъуныр;
еджак1уэхэр ц1ыхугъэм, гущ1эгъулыныгъэм хуэгъэсэн, нэгъуэщ1 лъэпкъ культурэхэм, динхэм шы1эныгъэрэ зыхэщ1ык1рэ хуа1эу гъэсэныр.
Ебгъуанэ классым адыгэбзэр щегъэджыным къалэну къегъэув:
тэмэму псэлъэным, къабзэу тхэным, гъэхуауэ къеджэнымк1э я1э зэф1эк1хэмрэ есэныгъэхэмрэ хэгъэхъуэныр;
еджак1уэм псэк1э зыхищ1эхэр шэщ1ауэ къи1уэтэжынымк1э и1э щ1эныгъэм зегъэужьыныр;
обществэм , гъащ1эм бзэм мыхьэнэуэ щи1эр зыхегъэщ1эныр , иджырей бзэщ1эныгъэм теухуауэ 9-нэ классым ехьэл1ахэм щыгъуазэ щ1ыныр;
я логическэ гупсысэк1эм зегъэужьыныр:
иджыпсту къек1уэк1 информационнэ ехъул1эныгъэхэм к1элъыплъыфу, хэплъэфу, зыхуейр къыхахыфрэ къагъэсэбэпыфу егъэсэныр.
Адыгэбзэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэралыбзэхэм ящыщ зыщ. Ар еджак1уэм нэсу зэрищ1эм, и бзэм, гъащ1эм къызэрыщигъэсэбэпыфым куэдк1э елъытащ псынщ1эурэ зызыхъуэж гъащ1эм щигъуэтыну ехъул1эныгъэхэр. Абы и лъэныкъуэк1э инщ адыгэбзэр егъэджыным и мыхьэнэр. Еджак1уэм дуней псор зэрилъагъур, зэрызэхищ1эр къыдалъхуа и анэбзэрщ. Апхуэдэу щыщытк1э, а бзэм и щэху нэхъыбэ ищ1эхук1э, и акъылми, гупсысэми зеужь.
Адыгэбзэр егъэджыныр къызэгъэпэщыпхъэщ компетентностнэ (лъэк1ыныгъэхэм зезыгъэужь ) бгъэдыхьэк1эм тету. Абы тещ1ыхьауэ ебгъуанэ классым зыщаужь:
коммуникативнэ (зэрызэгуры1уэ, зэрызэпыщ1а) компетенцэхэм;
лингвистическэ (бзэщ1эныгъэ) компетенцэхэм;
Ебгъуанэ классым щеджэ еджак1уэхэм адыгэбзэмк1э ягъэзэщ1апхъэ лэжьыгъэхэр, я зэф1эк1хэр, щ1эныгъэр егъэф1эк1уэнымк1э ахэр зыхуэунэт1ахэр ( компетенцэ елъытауэ)
Щ1эныгъэм и ф1агъыр къэзыгъэлъагъуэ унэт1ыныгъэхэр:
предметымк1э ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр ( предметные компетенции);
гъащ1эм, ц1ыхухэм яхэтынымк1э ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр(социальные компетенции);
культурэ куэдым хэзэгъэнымк1э, ар зыхащ1энымк1э ягъуэтлъэк1ыныгъэхэр
информацэ зэхуэхьэсыным, абы и къэгъэсэбэпык1эм ехьэл1ауэ ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр (информационные компетенции);
гъэсэныгъэ елъытауэ ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр (общекультурные компетенции).
Ебгъуанэ классым щадж темэхэм къыдэк1уэу еджак1уэхэм академическэ грамматикэм и 1ыхьэ куэдыр нэхъ куууэ ядж, абы къыхэк1ыу 1эмал имы1эу езыр-езыру ялэжьхэр, творческэ проектхэр, бзэм теухуа къэхутэныгъэхэр нэхъыбэу хэгъэхьэпхъэщ.
Ебгъуанэ классым адыгэбзэмк1э и программэр джыным сыхьэт 51-рэ хухах
Адыгэбзэр щебгъаджэк1э къэбгъэсэбэп хъунущ мы къэк1уэну 1эмалхэр (методхэр): къэпщытэныгъэ,зэгъэпщэныгъэ, зэдэуэныгъэ, къэхутэныгъэ, проектнэ, продуктивнэ, репродуктивнэ, нэгъуэщ1хэри.
Мы къэк1уэну щытык1эхэр (формэхэр): тест лэжьыгъэхэр, щхьэзакъуэ лэжьыгъэхэр, къэу1этэныгъэ, зэпсэлъэныгъэ, къэу1этыныгъэмрэ зэпсэлъэныгъэмрэ зэгъусэу, нэгъуэщ1хэри
Еджак1уэхэм ягъуэта щ1эныгъэр къызэрапщытэ щ1ык1эхэр:
жьэры1уатэу блэк1а темэхэр къапщытэк1эрэ;
щхьэзакъуэ лэжьыгъэ ягъэзащ1эк1эрэ;
тхыгъэ лэжьыгъэхэр ятхк1эрэ;
тест лэжьыгъэхэр ягъэзащ1эк1эрэ, нэгъуэщ1эхэри.
Календарнэ – тематическэ план
Адыгэбзэ, 9-нэ класс
Разделхэмрэ темэхэмрэ
Унэ лэжьыгъэ
Темэр щестынур
Темэр щестар
Къытегъэзэжыныгъэ 4
Псалъэ занщ1эр зэдзэк1ам хуэгъэк1уэн
Псалъэуха зэхэлъ – зэгъусэхэр 10
Псалъэ зэхэлъымк1э гуры1уэгъуэ
Псалъэуха зэхэлъ- зэгъусэхэр
Б/з. Изложенэ, сочиненэ щтык1э и1эу «Бзылъхугъэмрэ хабзэмрэ»
Б/з. Изложенэ, сочиненэ щтык1э и1эу «Бзылъхугъэмрэ хабзэмрэ»
Зэк1элъызыхь союз зи1э псалъэуха зэхэлъ- зэгъусэхэр
Зэпэщ1эуэ союз зи1э псалъэуха зэхэлъ- зэгъусэхэр
Зыгуэш союз эи1э псалъэуха зэхэлъ- зэгъусэхэр
Псалъэуха зэхэлъ – зэгъусэмк1э практическэ лэжьыгъэ.
Къызэрапщытэ диктант «Гъатхэпэ»
Псалъэуха зэхэлъ- зэпхахэр 22
Псалъэуха зэхэлъ – зэпхахэмк1э гуры1уэныгъэ
Псалъэуха зэхэлъ – зэпхамк1э гуры1уэгъуэ
§9, пс-ха зэхэлъхьэн
Псалъэуха гуэдзэмрэ причастнэ оборотымрэ
Псалъэуха гуэдзэ л1эужьыгъуэхэр
Дополненэ гуэдзэ зи1э псалъэуха зэхэлъ-зэпхахэр
Б/з Изложенэ, сичиненэ щытык1э и1эу «Анэ»
Б/з Изложенэ, сичиненэ щытык1э и1эу«Анэ»
Подлежащэ псалъэуха гуэдзэ зи1э псалъэуха.
Обстоятельствэ псалъэуха гуэдзэхэр. Зэман, щ1ып1э псалъэуха гуэдзэ.
Къызэрапщытэ диктант «Дыгъужь»
Лэжьыгъэм и къэхъук1э псалъэуха гуэдзэ зи1э псалъэуха зэхэлъ – зэпха.
Лэжьыгъэм и къэхъук1э псалъэуха гуэдзэ зи1э псалъэуха зэхэлъ – зэпха.
Б/з Сочиненэ «Къуажэм и тхыдэм теухуауэ»
Б/З Сочиненэ «Къуажэм и тхыдэм теухуауэ»
Мурад, щхьэусыгъуэ псалъэуха гуэдзэ зи1э псалъэуха зэхэлъ – зэпхахэр.
Условнэ псалъэуха гуэдзэ зи1э псалъэуха зэхэлъ-зэпхахэр.
Уступительнэ псалъэуха гуэдзэ зи1э псалъэуха зэхэлъ – зэпхахэр.
Гуэдзэ зыбжанэ зи1э псалъэуха зэхэлъ – зэпхахэр.
Гуэдзэ зыбжанэ зи1э псалъэуха зэхэлъ – зэпхахэр.
Къызэрапщытэ диктант «Письмо»
Союзыншэ псалъэуха зэхэлъхэр 6
Союзыншэ псалъэуха зэхэлъымк1э гуры1уэгъуэ
§19, пс-ха зэхэлъхьэн
Союзыншэ псалъэуха зэхэлъым запятой, точкэрэ запятойрэ щагъэувыр.
Союзыншэ псалъэуха зэхэлъым точкит1 щагъэувыр
Б/З Творческэ лэжьыгъэ зыщ1ыгъу изложенэ «Япэ адыгэ тхак1уэ»
Б/З Творческэ лэжьыгъэ зыщ1ыгъу изложенэ «Япэ адыгэ тхак1уэ»
Союзыншэ псалъэуха зэхэлъым тире щагъэувыр.
Зэпхык1э зэмыл1эужьыгъуэ зи1э псалъэуха зэхэлъхэр 1
Зэпхык1э зэмыл1эужьыгъуэ зи1э псалъэуха зэхэлъхэр
Къытегъэзэжыныгъэ 8
Бзэм и макъхэр. Бзэр зызыужь явленэу зэрыщытыр. Адыгэбзэм и зыужьыныгъэмк1э урысыбзэм мыхьэнэуэ и1эр.
Б/з Изложенэ, сичиненэ щытык1э и1эу «Уэсят»
Б/з Изложенэ, сичиненэ щытык1э и1эу«Уэсят»
Литературэбзэмк1э гуры1уэгъуэ. Фонетикэ. Орфоэпие. Къэпщытэжыныгъэ.
Псалъэ къэхъук1эмрэ зэхъуэк1ык1эмрэ Орфографиер. Морфологиер.
Къызэрапщытэ диктант «Къуалэбзу лъэтэжхэр»
Псори-51, б/з-10, къ/д-4
Тематическэ план
Адыгэбзэ 9-нэ класс.
Разделхэм я темэхэр
Псалъэуха зэхэлъ - зэгъусэхэр
Псалъэуха зэхэлъ- зэпхахэр
Союзыншэ псалъэуха зэхэлъхэр
Зэпхык1э зэмыл1эужьыгъуэ зи1э псалъэухахэр
Еджэныгъэр зэрек1уэк1ымрэ абы къызэщ1иубыдэмрэ.
Егъэджэныр зэрызэхэлъымрэ къызэщ1иубыдэмрэ
Нэхъыщхьэу ягъуэтын хуей щ1эныгъэмрэ есэныгъэмрэ
I . Яджам къытегъэзэжын
Псалъэуха зэхэлъ
1. Псалъэуха зэхэлъымкIэ гурыIуэныгъэхэр
Псалъэуха зэхэлъыр зищ I ысыр. Псалъэуха къызэрык I уэмрэ псалъэуха зэхэлъымрэ грамматикэ и лъэныкъуэк I э зэтехуэныгъэрэ зэщхьэщык I ыныгъэу ябгъэдэлъыр.
псалъэуха зэхэлъхэм теухуа синтаксическэ зэпкърыхыныгъэ егъэкIуэкIын;
псалъэуха зэхэлъ зэмылIэужьыгъуэхэм синтаксическэ синонимхэр къыщыгъэсэбэпын;
псалъэуха зэхэлъхэр зэрызэхэт Iыхьэхэр запятойкIэ зэпэщIэхыфын, союзыншэ псалъэуха зэхэлъым зэрызэхагъэкI нагъыщэхэр гъэувыфын.
2. Псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэхэр
1.Союз зиIэ псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэхэр (зэкIэлъызыхь, зэпэщIэуэныгъэ, зыгуэш).
Псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэхэм нагъыщэхэр зэрыщагъэувыр.
2. Псалъэуха къызэрыгуэкIхэр псалъэуха зэхэлъым хуэгъэкIуэн. Псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэхэр зэзыпх союз зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэпхыфын. Псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэхэр я бзэм къыщагъэсэбэпын.
псалъэуха зэхэлъ-зэгъусэхэм я къэкIуэкIэр;
псалъэуха зэхэлъым и щытыкIэ нэхъыщхьэхэр.
3. Псалъэуха зэхэлъ-зэпхахэр
1. Псалъэуха пажэ, гуэдзэхэр. Псалъэуха гуэдзэмрэ причастнэ оборотымрэ. Псалъэуха гуэдзэр пажэм союзхэмкIэ, союз псалъэхэмкIэ, союз-суффиксхэмкIэ епхыныгъэ. Псалъэуха пажэм хэт зыгъэлъагъуэ псалъэхэр. Псалъэуха зэхэлъ-зэпхам и кIуэцIкIэ псалъэуха гуэдзэм и увыпIэр, нагъыщэ ягъэувхэр. Псалъэуха гуэдзэ лIэужьыгъуэхэр. Псалъэуха пажэмрэ гуэдзэмрэ запятойкIэ зэрызэпэщIахыр.
Гуэдзэ зыбжанэ зиIэ псалъэуха зэхэлъ-зэпха. Гуэдзэ зыбжанэ зиIэ псалъэуха зэхэлъ-зэпхам и кIуэцIкIэ нагъыщэхэр зэрагъэувыр.
2. Псалъэуха зэхэлъ-зэпхам и кIуэцIкIэ гуэдзэр пажэм союзхэмкIэ союз-псалъэхэмкIэ, союз-суффиксхэмкIэ, интонацэкIэ епхыфын. Псалъэуха зэхэлъым гуэдзэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхуэхьын. Гуэдзэ зыбжанэ зы псалъэуха пажэм къыхуэхьын.
псалъэуха пажэхэмрэ гуэдзэхэмрэ зэрызэхущытыр;
псалъэуха гуэдзэ лIэужьыгъуэхэр;
гуэдзэ зыбжанэ зиIэ псалъэуха зэхэлъ-зэпхам и къэкIуэкIэр;
псалъэуха зэхэлъым къыщыкIуэ пунктограммэхэм я гъэувыкIэ хабзэр.
4. Союзыншэ псалъэуха зэхэлъхэр
Союзыншэ псалъэуха зэхэлъым и Iыхьэхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэр (мыхьэнэкIэ). Союзыншэ псалъэуха зэхэлъхэм нагъыщэхэр зэрыщагъэувыр.
Союзыншэ псалъэуха зэхэлъым и Iыхьэхэр мыхьэнэкIэ зэпыщIэныгъэр бзэм къыщыгъэ-сэбэпыфын.
союзыншэ псалъэуха зэхэлъхэр.
5. ЗэпхыкIэ зэмылIэужьыгъуэ зиIэ псалъэуха зэхэлъхэр
ЗэпхыкIэ зэмылIэужьыгъуэ зиIэ псалъэуха зэхэлъхэр: союзкIэ, союзыншэу зэпхахэр. Абыхэм щагъэув нагъыщэхэр.
ЗэпхыкIэ зэмылIэужьыгъуэ зиIэ псалъэуха зэхэлъхэр бзэм къыщыгъэсэбэпын синтаксическэ синониму.
Псалъэуха зэхэлъыр зэпкърыхын.
зэпхыкIэ зэмылIэужьыгъуэ зиIэ псалъэуха зэхэлъхэр;
псалъэ занщIэ зыхэт псалъэухахэр.
6. Къытегъэзэжыныгъэ
IV . Орфографиемрэ пунктуацэмрэ къэпщытэжын
псалъэуха зэхэлъым къыщык I уэ пунктограммэхэм я гъэувык I э хабзэр ;
IX классым щадж пунктограммэхэр къэгъуэтыфын , ахэр зэрагъэувым и хабзэхэр къэгъэсэбэпын ;
IX классым зыщрихьэл I э зи тхык I эр орфографиемк I э къамыпщытэ пса лъэ хэм я тхык I э тэмэмыр къэгъэсэбэпын .
V . Бзэм зегъэужьын
Бзэм и стилым, темэм, къэIуэтэныгъэ зэпхам и гупсысэ нэхъыщхьэм теухуауэ яджахэр къэпщытэжын.
Езым къыхаха темэм теухуа сочиненэ тхын. Общественно-политическэ, морально-этическэ, историко-литературнэ темэхэм теухуа сочиненэ.
Доклад е реферат тхын, общественно-политическэ, морально-этическэ темэхэм теухуа статьяхэм я тезис зэхэлъхьэн.